3 Си псэм хулъэмыкӀыж щыхъукӀэ, уи нэӀэ си гъуэгум къытетщ Уэ. Абыхэм щэхуу си гъуэгум хъы къытрагъэуващ.
Ахэр щысымаджэм щыгъуэ щыгъынхэр зыщыстӀагъэри, гугъу задезгъэхьащ, сынэщӀурэ Тхьэм сахуелъэӀуащ, си щхьэ ухуауэ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
ЗысшыӀэурэ, Зиусхьэным сежьэрти, Абы зыкъысхуигъазэри, си джэ макъ къызэхихащ;
Хым щегъэжьауэ хым нэсыху, Псым щегъэжьауэ щӀы гъунэм нэсу, абы тетыгъуэр иреӀэ.
Зыгуэрым Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъ фӀэщӀу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцӀэж, и динри пщӀэншэщ.
Дэ псоми Ӏуэхугъуэ куэдкӀэ гуэныхь дощӀэ. Езым и псалъэхэмкӀэ гуэныхь зымыщӀэ цӀыхур цӀыху нэгъэсауэ щытщ, ипкъ псори игъэӀурыщӀэн лъокӀ.