3 Зиусхьэн, си бзэм ӀункӀыбзэ ети, си Ӏупэр быдэу убыд;
– Сыт ар уэ щӀэпщӀар? – жриӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхубзым. – Блэм сыдригъэхьэхри, сшхащ, – жиӀащ цӀыхубзым.
Къыщалъхуам щегъэжьауэ, цӀыху бзаджэхэр мэгъуащэ; анэм и ныбэ къыщикӀам щегъэжьауэ, пцӀы яупс, щоуэ.
Сыту жыпӀэмэ ахэр къощэ си псэм; цӀыху мэхъаджэхэр зэкъуэтщ, къыстебэнэнхэу ягу илъу; хабзэншагъэкӀэ сыпсэуауэ, гуэныхь злэжьауэ аракъым, Зиусхьэн;
Уэ фӀыуэ плъагъухэр гугъуехьым хэкӀыжын папщӀэ; Уи Ӏэ ижьымкӀэ сыкъегъэли, сызэхэх.
Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.
Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.