Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 140:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Жьэрымэ гурыхьым хуэдэу уи пащхьэ ирехьэ си тхьэлъэӀур; си Ӏэр къызэрыпхуэсӀэтыр си пщыхьэщхьэ къурмэн хуэдэ ирехъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 140:2
16 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным ущихъумэнщ сыт хуэдэ бзаджагъэми; уи псэр къихъумэнщ Зиусхьэным.


Ныбэм сыкъызэрикӀыу, Уэ сыппэщӀэхуащ; си анэ и ныбэ сыкъыщикӀам щыублауэ Уэращ си Тхьэр.


ГуфӀэгъуэ хэгъуатэ Зиусхьэным – уигу фӀэигъуэр Абы къыпхуищӀэнущ.


И бзаджэщӀагъэм папщӀэ цӀыхур бгъэпшынэмэ, щыгъыныр хъуным зэрехъулӀэу, абы уасэ зыхуищӀыр уогъэкӀуэд. Аращ, дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэщ!


Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр, щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр щрыреӀэ.


Уэ, ди Тхьэ! Дебгъэзащ дэ, дызэхэпкъутащ, укъытхуэгубжьащ: зыкъытхуэгъазэ.


Уи унэ лъапӀэм ущыслъэгъуащ, уи гуащӀэрэ уи щӀыхьрэ слъэгъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan