5 Хэхъуауэ къратыжын щхьэкӀэ, ахъшэ щӀыхуэ зымыту, лажьэншэм егуэуэну Ӏулъхьэ къеӀызымыхыр арщ. Апхуэдэу псэур игъащӀэкӀэ лъэпэрэпэнкъым.
Иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ.
Уи гущӀэгъурэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжрэ Уигу кърырекӀыж, Зиусхьэн, – ахэр кӀэи пэи зимыӀэщ.
ӀыхьэфӀ тхуэхъунур тхухихащ – Израил лъэпкъыу фӀыуэ илъэгъуар зыгъэгуфӀэ Ӏыхьэр.
Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ, щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, хужыфӀэ.
Сыту жыпӀэмэ зыкъыспаӀэтащ напэншэхэм, си псэм къощэ цӀыху залымхэр; абыхэм Тхьэр ӀэщӀыб ящӀащ.
Псы къыщӀэжыпӀэ къэпщӀащ Уэ, псыр къэбутӀыпщащ, Уэ псышхуэхэр ибгъэгъукӀащ.
«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».
Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.