Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 14:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 ИтӀани – цӀыхухэм пцӀы ятезымылъхьэу, бзэгузехьэныр зи мыщэну, зи зэран ныбжьэгъум езымыгъэкӀыу, зи гъунэгъур зымыубыр арщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 14:3
25 Iomraidhean Croise  

Теплъащ Тхьэр щӀылъэм – зэхэуцӀэпӀащ ар: щӀылъэм тет дэтхэнэ зы цӀыхуми и гъуэгур зэӀигъэхьэжати.


Зиусхьэн! Хэт Уэ уи унэ – чэтэн унэ лъапӀэм исыну зыхуэфащэр? Хэт уи Ӏуащхьэ лъапӀэм тесыну зэппэсыр?


Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ.


Зиусхьэн, къызжеӀэ си гъащӀэр щызухынур – сыгъащӀэ махуэхэм я бжыгъэр зыхуэдизыр, пӀалъэ гъэнэхуа сызэриӀэр сыгъащӀэ.


СаӀэщӀэхыж бзаджащӀэхэм; лъым щӀэнэцӀхэм саӀэщӀэхыж.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым.


ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, ар вжызоӀэ. Къуэшхэм я зэдауэ ӀуэхумкӀэ хьэкум зыщӀэн зылъэкӀын, акъылыфӀагъэ зиӀэ гуэр къыфхэткъэ?


ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan