2 Мыхъун лъэпкъ зымылэжьу, захуагъэм ирипсэууэ, щыпкъагъэу игу илъыр къэзыӀуатэр арщ;
Къехащ итӀанэ Зиусхьэныр, цӀыхум и къуэхэм яухуэ къалэмрэ чэщанэмрэ еплъыну.
Сехыныурэ сеплъынущ абыхэм ялэжьхэр абыхэм ехьэлӀауэ Сэ къысхудэкӀуей тхьэусыхэ макъым хуэдэрэ хуэмыдэрэ; ар къэсщӀэнущ.
Теплъащ Тхьэр щӀылъэм – зэхэуцӀэпӀащ ар: щӀылъэм тет дэтхэнэ зы цӀыхуми и гъуэгур зэӀигъэхьэжати.
Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,
абыхэм жаӀэ: «ДыкӀуэнщи, цӀыху лъэпкъым хэдгъэкӀуэдыкӀынщ, Израил и цӀэр игъащӀэкӀэ ягу къэмыкӀыжыну».
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт, си дежи къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».
ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.
ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.