3 Я бзэгур ягъэжан, блэ хуэдэ; блэм и щхъухьыр я бзэгум хэлъщ.
Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.
Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.
Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀа нэужь, къэгузавэри, щыхьэт техъуэурэ, жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.