2 Абыхэм ягукӀэ бзаджагъэ къагупсыс; махуэ къэс зэщыхьэнхэу, цӀыхухэр зэщӀагъаплъэ.
Хьэджэр фӀищащ Зиусхьэну езым къепсэлъам мы цӀэр: «Уэ у-Ел-Ройщ». Абы къикӀыр: «Сэ сыкъэзылъагъу Тхьэр Уэрщ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Хьэджэр жиӀащ: «Пэж дыдэу, сэ сызылъагъум щыслъэгъуа нэужь сыпсэу пӀэрэ?»
СигукӀэ сыбыдэщ, ди Тхьэ; уэрэд жысӀэнущ, щӀыхьу сиӀэр уэрэдкӀэ сӀуэтэнущ.
Абы папщӀэ губжьым сыхэту, псалъэ быдэ стащ: „ахэр си гупсэхупӀэ измыгъэхьэну“».
Хьисэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, жиӀащ: – Фи гум апхуэдэ гукъэкӀ бзаджэхэр щӀилъыр сыт?
Хьисэ абыхэм я гурылъыр къищӀэщ, сабий гуэр къищтэщ, ибгъукӀэ игъэуври яжриӀащ:
Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.