1 ЦӀыху бзаджэхэм сащыхъумэ, Зиусхьэн; сащыхъумэ залымыгъэ зезыхьэ цӀыхухэм.
Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр, си Тхьэр – си къуршу щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр, си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр.
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.
Фиатирэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и Къуэу зи нэхэр мафӀэ бзийм хуэдэу, зи лъакъуэхэр гъуаплъэ плъам хуэдэу лыдым мы псалъэхэр жеӀэ:
Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.