3 Гъэр дызыщӀахэм – уэрэд яжетӀэну, егъэзыгъэу дызыгъэпсэухэр дгъэгуфӀэнхэу къыджаӀащ: «КъыджефӀэ Цион уэрэдхэм щыщ».
Игъуэр къыщыскӀэ, Тхьэм а махуэр къигъэлъэгъуэнущ, – щӀыхьышхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ зиӀэ Тхьэ закъуэр пащтыхьхэм я Пащтыхьыжщ, зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжщ.
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.