1 НасыпыфӀэщ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэу Абы и гъуэгум ирикӀуэр.
Ӏуащхьэхэм я дежкӀэ си нэплъэгъуэр согъазэ. Дэнэ къикӀыну си дэӀэпыкъуэгъур?
«Зиусхьэным и унэшхуэм дывгъакӀуэ» къыщызжаӀэм, сыгуфӀащ сэ.
Уэ, уафэм щыпсэу, си нэплъэгъуэр нызогъазэ уи деж.
Зиусхьэныр армыратэмэ къытщӀыгъур, – жреӀэ Израил, –
Зиусхьэным щыгугъыр Цион Ӏуащхьэу, и пӀэ имыкӀыу, игъащӀэкӀэ итынум хуэдэщ.
Зиусхьэным гъэрыпӀэм дыкъришыжу, Цион къалэм дишэ щыхъум, пщӀыхьым хэтым дыхуэдащ дэ.
Зиусхьэным унэр имыщӀмэ, ар зыщӀхэм пщӀэншэу Ӏуэху ящӀэ; Зиусхьэным къимыхъумэмэ къалэр, къэрэгъулыр сакъыу зэрымыжейр пщӀэншэщ.
Израил цӀыхухэми зигукӀэ къабзэхэми сыту къахуэфӀ Тхьэр!
Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжамэ, фэ фэдгъащӀэ хъыбарыфӀым пщӀэ иӀэнутэкъым, ди фӀэщхъуныгъэми пщӀэ иӀэнутэкъым.
Аращи, жылэхэр хэзысэми псыр щӀэзыгъэлъадэми пщӀэ яӀэкъым, щӀыхьышхуэ зиӀэр къэзыгъэкӀа Тхьэ закъуэрщ.
Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?