3 Си гупсысэхэм сыт хуэдизрэ сагъэгумэщӀэну, жэщми махуэми гукъеуэм сыхэтыну? Си бийр си щыгу сыт хуэдизрэ итыну?
Ар къехащ, уафэр къиблэрэкӀри, Абы и лъэгу щӀагъым кӀыфӀыбзэ щыхъуащ.
Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.
Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.
Хьэщхьэвылъэм псалъэ пагэхэр жиӀэну, Тхьэм хущӀэджэу, мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ тепщэныгъэ иӀэну хуит хъуащ.