3 Мыхъун ямыщӀэу, Абы и гъуэгум ирокӀуэ ахэр.
Зиусхьэным и унэшхуэм и пщӀантӀэм сыдэту, Ерусалим и гупэ сыщыӀэу! Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ.
Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.
Абы и гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, Тхьэуэ езым и Адэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну дигъэуващ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зейр аращ! Ӏэмин.