9 фыз мылъхуэр анэ хъуауэ, сабийм ящыгуфӀыкӀыу, унэм ирегъэтӀысхьэж. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!
Абы и унэм мылъкушхуэрэ къулеигъэрэ илъщ, абы и щыпкъагъэр игъащӀэкӀэ щыӀэнщ.
Дыгъэ къуэкӀыпӀэм къыщежьэу, къухьэпӀэм нэсу, Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хурещӀ!
щӀым егъэзыгъэу тет псори къригъэлын папщӀэ, хьэкум ищӀэну Тхьэр къыщежьэм.
уэ пта псапэ тыхьыр щэхуу къэнэн щхьэкӀэ. Уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъум уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, фыщыхуейм деж фӀы яхуэфщӀэфынущ, ауэ сэ игъащэкӀэ сыфхэтынукъым.
Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.
Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.
ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.
Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.
Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».
апостолхэм я пащхьэм къралъхьэрт. Ахъшэм щыщ апостолхэм щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ цӀыхухэм хуагуэшырт.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.
ФӀы щӀэным хэтыну, фӀы щӀэнымкӀэ бей хъуну, я мылъкум щымысхьу, яӀэм щыщкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ягуапэу етэну унафэ яхуэщӀ.
ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
Бзаджагъэ зылэжьыр бзаджагъэ илэжьыным хрет дяпэкӀи. ФӀеигъэм хэтри хрет иджыри. Щыпкъагъэр зылэжьыри щыпкъагъэр илэжьыным хрет. Зи гур къабзэ цӀыхум и гур къабзэ зэпыт ирехъу.