7 Зиусхьэным и псалъэхэр псалъэ къабзэщ, кӀыщ мафӀэм блэнейрэ щагъэткӀуу щагъэкъэбза дыжьыным хуэдэщ.
Уафэм пшэ къытрегъэхьэ Абы, уэшхыр щӀым щхьэкӀэ къегъэхьэзыр, Ӏуащхьэхэм удз къыщегъэкӀ;
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
ахэр Уэ къоджати, псэууэ къэнэжащ; Уэ къыпщыгугъырти, щӀебгъэгъуэжакъым ахэр.
Езым хуэщыпкъэхэр къадэӀэпыкъуну щелъэӀукӀэ, Зиусхьэным ахэр зэхех, я тхьэмыщкӀагъуэ псоми хешыж.
Зыхуэзгъэзащ сэ Зиусхьэным, Абы жэуап къызитри, шынагъуэу сиӀэ псоми саӀэщӀихыжащ.
Ауэ сэ сыщылъэпэрапэм, ахэр гуфӀэурэ зэгухьэжащ; къысщыдыхьэшхыурэ, зэщӀыгъуу саубурэ, фӀеягъэу къысхужаӀэнум гъунэ хуащӀакъым.
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.
ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэныр ди гъусэщ, ди адэжьу Екъуб и Тхьэрщ щхьэегъэзыпӀэу диӀэр.
ЩхьэегъэзыпӀэ Уэ узыщӀ псори ирегуфӀэ, гуфӀэгъуэшхуэм игъащӀэкӀэ хэту уэрэд жреӀэ. Къэхъумэ Уэ ахэр; ЩӀыхь къыпхуащӀынщ уи цӀэр зыгъэлъапӀэхэм.
ЗигукӀэ щыпкъагъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэращ сэ сыкъэзыхъумэ мэӀур.
Зиусхьэным цӀыху лъэпкъхэм хьэкум ятрещӀыхь. Зиусхьэн, си щыпкъагъэрэ си къабзагъэкӀэ къыстещӀыхь хьэкум.
Арэзыныгъэ фигу илъу, Абы и къалэбжэм, и пщӀантӀэхэм, щӀыхь хуэфщӀурэ, фыдыхьэ. ЩӀыхь хуэфщӀ Абы, Абы и цӀэр фӀэт!
Зиусхьэным и нэӀэр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм ятрегъэт. Ахэр щелъэӀукӀэ, ар къодаӀуэ. Ауэ бзаджащӀэхэм Зиусхьэным и щӀыбыр яхуегъазэ, (дунейм ахэр тригъэкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ)».
ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.
Тхьэм и нэгур ялъагъунущ абыхэм, и цӀэри я натӀэхэм тетхауэ щытынущ.