Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 11:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 11:4
28 Iomraidhean Croise  

Зэманхэр къигъэнэхуэну мазэр Уэ къэбгъэщӀащ; дыгъэр щыкъухьэнум щыгъуазэщ.


Сыт, хы, къыпщыщӀар, Сыт ущӀежэжьар? Сыт, Иордан, къыпщыщӀар, узэщӀэмыкӀуэу мыхъуну?


Мыхъун лъэпкъ зымылэжьу, захуагъэм ирипсэууэ, щыпкъагъэу игу илъыр къэзыӀуатэр арщ;


КъэзышагъащӀэр и фызыр зэрыс унэм къызэрикӀым хуэдэу, ар къыкъуокӀ, цӀыху жэру къэжапӀэр къызэрижыхьынум щыгуфӀыкӀым хуэдэу.


Ящодыхьэшх уафэм щыпсэур, ящӀонакӀэ абыхэм Зиусхьэныр.


Псэун фӀэигъуэу, фӀыгъуэр игъуэтын папщӀэ, гъащӀэ кӀыхь иӀэным щӀэмыхъуэпс цӀыху щыӀэ?


И лэжьыгъэ щӀыгум кърырет: Тхьэм и нэфӀ къытщрехуэ – ди Тхьэм!


Уи цӀэ зыщӀэхэр къыпщогугъ, сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэр утыкум къибнэнкъым.


Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀэ тхьэ зыӀуэм Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀи абы щӀэсым и цӀэкӀи тхьэ иӀуа мэхъу.


Сэ нывжызоӀэ, фэ тхьэ зэи фӀуэ хъунукъым, уафэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и тахътэщи.


«Уафэращ сэ си пащтыхь тахътэр, щӀылъэращ си лъэгущӀэтыныр. Сыт хуэдэ унэ схуэфщӀынур? Дэнэ щыӀэ зыщызгъэпсэхужын щӀыпӀэр?


А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.


Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.


Абдеж дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ, икӀи сыщыплъэм, уафэм тахътэ гуэр щыслъэгъуащ, абы зыгуэр тест.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan