Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 11:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 ЦӀыху бзаджэхэм даӀэщӀэхыж, Зиусхьэн: сыту жыпӀэмэ цӀыхуфӀ къэнэжакъым, щыпкъагъэ къыпхуизыӀэ яхэтыжкъым дунейм и цӀыхухэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 11:2
18 Iomraidhean Croise  

Аращ, цӀыху бзаджэхэм я шабзэ къаукъуэдиящ, я шабзэшэ бзэпсым къыдалъхьащ, щыпкъагъэр зигу илъхэм кӀыфӀым хэту еуэн щхьэкӀэ.


ГъэрыпӀэм къишыжи, Зиусхьэн, къегъэгъэзэж ди цӀыхухэм – псыхъуэ нэщӀхэм псыр къызэрыдэпшэжым хуэдэу.


Бийр си ужь итщ, си гъащӀэр щӀым хиутащ; куэд щӀауэ лӀахэм яхуэдэу кӀыфӀым сыщыпсэуну сищӀащ;


Спэжыжьэ зумыщӀ; нэщхъеягъуэр благъэщ, дэӀэпыкъуэгъуи щыӀэкъым.


Зиусхьэным къиухэсар игъащӀэкӀэ щыӀэнущ; и гупсысэхэри лӀэужь псоми ядызекӀуэнущ.


Сэ зэхэсхыркъым, дэгум сыхуэдэщ; зи жьэр къызэтезымых бзагуэм сыхуэдэщ;


Уэ щӀыгум ухуогумащӀэ, зыхуэныкъуэр ибогъэгъуэт, и мылъкум жумарту хыбогъахъуэ. Тхьэм и псыхъуэм псыр дэзщ; Гъавэ щыбогъэкӀ, апхуэдэу псори бгъэпсащи;


БзаджащӀэхэм я гужьгъэжьыр еудых, щыпкъагъэ зиӀэр гъэбыдэ: Уэращ цӀыхухэм ягури я фэри зыгъэунэхур, Тхьэ захуэ!


Тхьэр хьэкумыщӀ захуэщ, махуэ къэси ткӀийуэ ер егъэкъуаншэ Тхьэм.


Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яубыдыну икӀи яукӀыну мурад ящӀащ абыхэм.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan