7 Абы и гухэлъхэр Мусэ иригъэщӀащ, и Ӏуэху щӀагъуэхэр – израил цӀыхухэм.
ХъупӀэ щӀагъуэхэм гупсэхуу сыщегъэпсэу Абы, сыбгъэдешэ псы Ӏэсэхэм.
Уи удынхэр къыстумыгъэхуэж, секӀуэдылӀащи сызэрыбгъэпшынэ Ӏэм.
Ди сабийхэм ящыдущэхункъым Зиусхьэным илэжьауэ, щытхъу зыпылъ Ӏуэху щӀагъуэхэр. Абы и гуащӀэ, и ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр ди ужь къихъуэну щӀэблэм яхуэтӀуэтэжынщ.