3 Абы уэ бзаджагъэу пщӀа псори къыпхуегъэгъу, уи узыфэ псори Абы егъэхъуж;
Уи цӀыху лъэпкъыр къегъэл мыкӀуэду, Ӏэхъуэ хуэхъу, хуэгумэщӀ игъащӀэкӀэ уи ӀыхьэфӀ хъу цӀыху лъэпкъым!
ЦӀыху бзаджэм къиныгъэр къобэкӀ, ауэ Зиусхьэным щыгугъым фӀыгъуэр къещӀэкӀащ.
Си гуэныхьыр зэрызущэхуам махуэ енкӀэ сигъэщэӀуурэ си къупщхьэр щыным нэсащ.
Лажьэ симыӀэу сызыгъэбийхэр гуащӀафӀэщ, сыхейуэ, си жагъуэгъухэр мэбагъуэ.
Сыбзэгуащ, сымакъыншащ, зызущэхуащ, си фӀагъэ къэмыкӀуами, сигу узым хэхъуащ.
Ауэ щыхъукӀи, пщэдей къэхъунур фщӀэркъым. Фи гъащӀэр сыт хуэдэ? Зы тӀэкӀурэ къэлъагъуэу, итӀанэ кӀуэдыж бахъэм фыхуэдэщ.