15 Удзым хуэдэщ цӀыхум и махуэхэр; губгъуэм ит гъэгъауэ абы зыкъызэӀуех.
Си бзэгупэм къэмыса псалъэр Уэ, Зиусхьэн, ӀупщӀ дыдэу зэхыбощӀыкӀ.
ЦӀыху бзаджэхэм жаӀэ: «Хъунур Тхьэм дауэ къищӀа? Псоми Я Нэхъ Лъагэр абы щыгъуазэ?»
Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».
Абы и нэхум щызекӀуэнущ лъэпкъхэр. Дунейм и пащтыхьхэм я щӀыхьышхуэр а къалэм къыдахьэнущ.