13 адэм и сабийхэм гущӀэгъу зэрыхуищӀым хуэдэу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ къыхузиӀэхэм гущӀэгъу яхуещӀ.
Хы Плъыжьыр зэгуэзыгъэкӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;
абы щыгъуэм си псэм къещэу бийр къыслърежьэ, къысщӀрехьэ, си гъащӀэри ятӀэм хрырекухь, пщӀэуэ сиӀэри сабэ ирырещӀ.
Тхьэр щащӀэ Иудэ хэкум; Израилым щагъэлъапӀэ Абы и цӀэр.
Зиусхьэным жреӀэ: «Уэращ си хъумапӀэу, си щхьэегъэзыпӀэр, Уэращ си Тхьэу сызыщыгугъыр!»
– Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ.
Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.
Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.