11 Сыту жыпӀэмэ уафэр щӀыгум зэрыщхьэщылъагэм хуэдэу, фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм мыкӀуэдыж лъагъуныгъэ яхуиӀэщ Зиусхьэным.
Зы щӀэблэм адрей щӀэблэм хуиӀуэтэжынщ Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я щӀыхьыр; уи Ӏуэхушхуэ гъэщӀэгъуэнхэм я хъыбар зэлъащӀысынщ.
Ауэ къулейр Тхьэм зэригъэцӀыкӀуамкӀэ ирегуфӀэ, удз гъэгъам хуэдэу кӀуэдыжынущи.
Ауэ щыхъукӀи, пщэдей къэхъунур фщӀэркъым. Фи гъащӀэр сыт хуэдэ? Зы тӀэкӀурэ къэлъагъуэу, итӀанэ кӀуэдыж бахъэм фыхуэдэщ.
Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыху псори удзым хуэдэщ, я щӀыхь псори удз гъэгъам хуэдэщ. Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкӀуэдыж.