1 Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, сигу, Абы и цӀэ лъапӀэм щӀыхь хуэфщӀ си гуи си пси.
Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ: «Сэ абы сытекӀуащ». Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.
ЦӀыхур жьы мащӀэм ещхьщ, абы и махуэхэр ныбжь кӀуэдыжым хуэдэщ.
Уи Ӏэр лъагапӀэм къешиехи, сыкъегъэл, псыбэм сыхэшыжи; хамэ цӀыхухэм саӀэщӀэхыж,
КъэзышагъащӀэр и фызыр зэрыс унэм къызэрикӀым хуэдэу, ар къыкъуокӀ, цӀыху жэру къэжапӀэр къызэрижыхьынум щыгуфӀыкӀым хуэдэу.
Уи гущӀэгъум сыхыумын, Зиусхьэн; уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэу къысхууиӀэмрэ сыт щыгъуи сакъегъэхъумэ.
СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм, Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж; Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ.
Къызэхэх си псалъэр, Зиусхьэн, си щэӀу макъым къедэӀу.
Тхьэ закъуэращ си псэм гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр; Аращ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур.
сыту жыпӀэмэ удэӀэпыкъуэгъущ Уэ сэркӀэ, уи дамэ щӀагъым я жьаум гуфӀэгъуэ уэрэд щыжызоӀэ.
зэхэтхауэ, дэ зэдгъэщӀауэ, ди адэжьхэм къытхуаӀуэтэжауэ.
Хьисэ гузэвэгъуэм зэщӀиубыдауэ, нэхъ хуабжьу Тхьэм елъэӀуащ. Абы и пщӀэнтӀэпсхэр лъы ткӀуэпсхэм хуэдэу щӀым теткӀуэрт.
Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.