8 Сыжейркъым, унащхьэм и закъуэу тес бзум хуэдэу сыщысщ.
ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ, лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ.
Мыбы фыкъедаӀуэ цӀыху лъэпкъ псори; мыр зэхэфх, дунеишхуэм тет псори –
Дауэ зищӀми, и псэ ищэхужын лъэкӀынкъым цӀыхум, абы и уасэ Тхьэм иритыни лъэкӀынкъым.
щӀым егъэзыгъэу тет псори къригъэлын папщӀэ, хьэкум ищӀэну Тхьэр къыщежьэм.
Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.