Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 100:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Уэрэд яхужысӀэнщ Тхьэм хуэщыпкъагъэмрэ цӀыхухэм яхуэзахуагъэмрэ; Уэр папщӀэ, Зиусхьэн, уэрэд жысӀэнщ сэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 100:1
18 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. Зиусхьэным, сигу, щӀыхь хуэщӀ.


Зиусхьэным къиухэсар игъащӀэкӀэ щыӀэнущ; и гупсысэхэри лӀэужь псоми ядызекӀуэнущ.


Уэрэд. Корах и къуэхэм я уэрэд


Сыту жыпӀэмэ пащтыхьхэр зэӀущӀэри, псори абы ебгъэрыкӀуащ яубыну;


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ пшынэхэмкӀэ дежьууэ


Ди Тхьэ, цӀыху лъэпкъхэм щӀыхь къыпхурещӀ, щӀыхь къыпхурещӀ цӀыху лъэпкъ псоми!


Тхьэм хуэщыпкъэхэм гукъыдэж ирегъуэтыж, Тхьэм и пащхьэм щрегуфӀэж, ХъеркӀэ гуфӀэгъуэшхуэ ирыреӀэ.


Ар Зиусхьэным игу нэхъ ирихьынщ вы нэхъри, бжьакъуэ зытету лъабжьэ зиӀэ танэм нэхъри.


ЛъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Пащтыхьу тэрэзыныгъэр зи щӀасэ, Уэ захуагъэр бгъэпсащ: Захуагъэмрэ щыпкъагъэмрэ Израилым щыбгъэуващ.


Ерусалим и гъунэгъуу, гъуэгур Елеон Ӏуащхьэм къыщех щӀыпӀэм Хьисэ щынэсым, ялъэгъуа Ӏуэху телъыджэ псом щхьэкӀэ гуфӀэрэ макъышхуэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ гуп псоми мыпхуэдэу жаӀэу щӀадзащ:


Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэуи хэтщ: «Фэ, хамэ лъэпкъхэр, Тхьэм и лъэпкъым фригъусэу фыгуфӀэ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan