6 МафӀэлыгъэри тхъуэбзащхъуэри, уэшхыр къызэрешхым хуэдэу, Абы цӀыху бзаджэхэм къахуригъэхынущ, узылыгъуэ жьыбгъэ пщтырыр Ӏыхьэу яхуегъэфащэ Зиусхьэным.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпсий зэрылъ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
Зиусхьэн! Хэт Уэ уи унэ – чэтэн унэ лъапӀэм исыну зыхуэфащэр? Хэт уи Ӏуащхьэ лъапӀэм тесыну зэппэсыр?
Зиусхьэн, Уэращ ӀыхьэфӀу сиӀэр, си насыпыр зи Ӏэ илъыр Уэращ.
Уи ӀэмыщӀэ зызолъхьэ; си щхьэр къэпщэхужащ Уэ, Зиусхьэн, Тхьэуэ сызыщыгугъ.
Ауэ а унэӀутым бзаджагъэкӀэ игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу
«Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.
ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу, гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ: „Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым“.