4 И унэшхуэ лъапӀэм исщ Зиусхьэныр, Абы и тахътэр уафэгум итщ, Абы и нэхэм ялъагъу; Абы и нэплъэгъухэм дунейм и цӀыхухэр ягъэунэху.
Къилъэгъуащ Зиусхьэным щӀылъэм тет цӀыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; абыхэм я гум илъхэри я мурадхэри сыт щыгъуэ зэманми зэрыӀейр.
Сигу зэщыуащ, игъукӀащ удзым хуэдэу, абы къыхэкӀыуи си щӀакхъэу сшхыну сщогъупщэ.
Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым гуащӀэ къезытщ, къыхиха пащтыхьым и хъумапӀэщ, и быдапӀэщ.
ЦӀыху бзаджэхэм зумыгъэгъапэ, мыхъуну зекӀуэхэм уемыхъуапсэ –
УэрэдыӀуэхэм пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу
Сыт щхьэкӀэ уи Ӏэр, уи Ӏэ ижьыр епхьэкӀрэ? Сыт щхьэкӀэ уи Ӏэр уи гуфӀакӀэ дэбгъэлърэ?
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и кӀуэцӀымрэ и гумрэщ мыхэр къызэрыкӀыр: гупсысэ бзаджэхэр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыху укӀыныр,
Аращи, бзаджагъэу блэжьам хущӀегъуэжи, Тхьэм елъэӀу. Мыхъун мураду уиӀэр Тхьэм къыпхуигъэгъункӀи хъунщ;
Тхьэр ящӀэу щыт пэтми, Тхьэм хуэфащэ лъытэныгъэри щӀыхьышхуэри хуащӀакъым. Ауэ я гупсысэхэр пщӀэншэ хъуащ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ ягухэри кӀыфӀу къэнащ.
Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.
Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.