Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 1:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр зи гум щыпкъагъэ илъхэм я гъуэгу щыгъуазэщ, ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгур кӀуэдыпӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 1:6
17 Iomraidhean Croise  

Бийр си ужь итщ, си гъащӀэр щӀым хиутащ; куэд щӀауэ лӀахэм яхуэдэу кӀыфӀым сыщыпсэуну сищӀащ;


Аращ, гукӀуэдыгъуэ щӀыпӀэ ситщ, гууэ сиӀэри, щтэм къыхэкӀыу, бзагуэ хъуащ.


Былымхэм удз ярет, къуалэжьым и шырхэри егъашхэ.


Хамэ лъэпкъхэр бгъэкъуэншащ, бгъэкӀуэдащ цӀыху бзаджэхэр, я цӀэхэр лӀэщӀыгъуэхэм игъащӀэкӀэ хэбгъэкъэбзыкӀащ.


– Куэбжэ зэвымкӀэ фыдыхьэ; кӀуэдыпӀэм и куэбжэр бгъуфӀэщ, абы кӀуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикӀуэхэр куэд мэхъу.


– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.


Си мэлхэр си макъым йодаӀуэ. Сэ ахэр соцӀыху, езыхэри си ужь иту къокӀуэ.


Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».


Мы цӀыхухэр зыхуэдэр акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэу я хьэл Ӏейуэ къыдалъхуам кърихуэкӀхэращ. А цӀыхухэр яубыдын икӀи ягъэкӀуэдын щхьэкӀэ, къалъхуащ. Зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхухэм яхуошхыдэ. НэгъуэщӀ цӀыхухэр зэрагъэунэхъумкӀэ езыхэм загъэунэхъуж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan