Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 1:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Абы къыхэкӀкӀэ цӀыху бзаджэхэр Тхьэм и хьэкумым хей щыхъунукъым. Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэм увыпӀэ щаӀэнукъым гуэныхьыщӀэхэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 1:5
12 Iomraidhean Croise  

ЕмыкӀу къремыхь Уэ къыпщыгугъ псоми; егъэзыпӀэ хэмыхуауэ хьилагъэ зезыхьэхэм кърехь емыкӀу.


СщумыгъэпщкӀу уи нэгу; губжьым ухэту, сэ, уи ӀурыщӀэр, ӀэщӀыб сумыщӀ. ДэӀэпыкъуэгъуу узиӀащ Уэ; сыхыфӀумыдзэ, сыкъомыбгынэ, Тхьэуэ си КъегъэлакӀуэ!


Уэ мызахуагъэр фӀыуэ зымылъагъу Тхьэуэ узэрыщытым щхьэкӀэ; бзаджагъэм лъэкӀынкъым уи гъусэн.


Езыхэм ятӀа мащэм хамэ лъэпкъхэр ихуэжащ; щэхуу ягъэува хъым я лъакъуэхэр илъэхъэжащ.


Апхуэдэущ зэрыхъунур мы дунейм и кӀэухым деж. МелыӀычхэр къехынурэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм цӀыху бзаджэхэр къыхашурэ,


Лъэпкъ псори абы и пащхьэм къыщызэхуэсынущ икӀи мэлыхъуэм мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэрызэхидзым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм цӀыхухэр зэхидзынущ.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.


Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


КъыщӀэкӀуэнур цӀыху псоми хьэкум ятрищӀыхьыну аращ икӀи абыхэм ящыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъ псоми я къуаншагъэ псори яригъэлъагъуну арщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум имылъу, бзаджагъэ Ӏуэхугъуэу ялэжьа псом щхьэкӀи, псалъэ Ӏейуэ Зиусхьэным теухуауэ жаӀа псом щхьэкӀи къуаншэ зэрыхъуар а гуэныхьыщӀэ цӀыхуу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъхэм яригъэлъагъунущ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan