Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 1:3
32 Iomraidhean Croise  

Хьэпсым и тетыр уеблэмэ зыми кӀэлъыплъыртэкъым, абы сыт и ӀэмыщӀэм илъми; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр Исуф и гъусэти, абы сыт илэжьми, псори къригъэхъулӀэрт.


Арати, къилъэгъуащ абы и тепщэм Зиусхьэныр абы зэригъусэр, абы сыт ищӀэми, Зиусхьэным ар къызэрыригъэхъулӀэр.


Израилыр зэрызэфӀэувэ лъандэрэ куэдрэ дыкърахуэкӀащ, ау къытпэлъэщын ялъэкӀакъым.


Езыращ мыхъумыщӀагъэу иӀэ псоми Израилыр къаӀэщӀэзыхыжынур.


ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ.


Гъуэгубгъум зы ахъуо жыг щилъагъури, абы бгъэдыхьащ, ауэ тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым; жыгым мыпхуэдэу жриӀащ: – ИгъащӀэкӀэ зыри уэ къыппымыкӀэжын ирехъу! Ар зэрыжиӀэу, ахъуо жыгыр гъуащ.


Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.


– Абы а бзаджащӀэхэр кӀуэдыкӀейуэ игъэкӀуэдынурэ, жызум пычыжыгъуэр къыщыскӀэ, и жызум Ӏыхьэр къезытыжыну нэгъуэщӀ жызумгъэкӀхэм хадэр яӀэщӀилъхьэнущ, – къыжраӀащ абыхэм Хьисэ.


ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.


ФыщызэдэшхэкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэр фэркӀэ укӀытэгъуэ мэхъу: КъыщывдэшхэкӀэ нэмыс яхэлъкъым, загъэнщӀыркъым. Ахэр уэшх къызыхэмыкӀыу, жьым зэрихуэ пшэхэм хуэдэщ. Бжьыхьэм зыри къызыпымыкӀэу, зи лъабжьэр къыхатхъауэ, тӀэу лӀа жыгхэрщ зыхуэдэр ахэр.


а къалэм и уэрамым и кум ирожэ ар. А псышхуэм и бгъуитӀми гъащӀэ къэзыт жыг Ӏутщ, илъэсым пщыкӀутӀрэ, мазэ къэс зэ къыпыкӀэу. А жыгым и тхьэмпэхэм лъэпкъхэм я узыфэхэр ягъэхъуж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan