2 Ар зыгъэгуфӀэр Зиусхьэным и хабзэщ, Абы и хабзэм жэщи махуи йогупсыс ар.
Пщыхьэщхьэ хъуауэ, Исхьэкъ губгъуэм ихьащ гупсысэну; и напӀэхэр иӀэту къыщыдэплъейм, къилъэгъуащ: къокӀуэ махъшэхэр.
ЖиӀати, мацӀи хьэпщхупщи бжыгъэ ямыӀэу къэкӀуащ;
ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, Абы хуэӀурыщӀэхэм, Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ!
Си гухэщӀым сыхэту, Зиусхьэным селъэӀуати, Абы сызэхихащ.
ЗэкӀэ сызылъагъу мыхъухэр си нэщӀыбагъкӀэ щоӀущащэ, Бзаджагъэ къызащӀэну ягу иралъхьэ.
Эзрак и къуэ Этан иуса уэрэд
Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?
И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ,
Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.
Мы Ӏуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цӀыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкӀэ, плъэкӀ къыумыгъанэ.
Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.
Тхьэр фӀыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщӀэнущ. И унафэхэри гугъукъым.