Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 2:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 2:3
13 Iomraidhean Croise  

Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.


Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щӀэным, сыт хуэдэ гуфӀеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщӀ хъунукъым.


А дэӀэпыкъуэгъухэм я фызхэри щӀыхь зыхуэфащэу, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьу, шыӀэныгъэ зиӀэу, лъэныкъуэ псомкӀи узыщыгугъ хъун цӀыхуу щытын хуйщ.


Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэри щӀыхь зыхуэфащэу, бзитӀ зыӀумылъ лӀыхэу, фадэм димыхьэхыу икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.


Уи шхалъэ узым, куэдрэ къыпхуэкӀуэ узыгъуэхэм сэбэп хуэхъун щхьэкӀэ, псы къудей уемыфэу санэ тӀэкӀуи ефэ дяпэкӀэ.


Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.


ИтӀанэ, Тхьэм и псалъэхэм Ӏей лъэпкъ хужамыӀэн щхьэкӀэ, а фызыжьхэм цӀыхубз ныбжьыщӀэхэм гурагъэӀуэн хуейщ ялӀхэмрэ я бынхэмрэ фӀыуэ ялъагъуну, гулъытэ яӀэну, гукъабзагъэкӀэ псэуну, я унагъуэхэм фӀыуэ якӀэлъыплъыну, фӀыуэ щытыну икӀи ялӀхэм яхуэӀурыщӀэну.


БлэкӀа зэманым фыщеплъкӀэ, мы зэманым фэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр евгъэщӀэн хуеящ, ауэ Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр зыгуэрым фигъэщӀэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткӀугъуейкъым, атӀэ быдзышэщ.


Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: БегъымбаркӀэ зэджэж цӀыхубз Езавел фыпэувыркъым. Зинэ ящӀэнуи, хамэ лъэпкъ щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр яшхынуи сэ къысхуэлажьэ цӀыхухэр егъэӀущ икӀи дехьэх абы.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan