Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:9
24 Iomraidhean Croise  

Тхьэм и псалъэу тхахэмкӀэ Хьисэ зэры-Мэссихьыр яхуигъэнахуэурэ, цӀыхухэм я пащхьэм щиӀуэта псалъэ лъэщхэмкӀэ журтхэм ятекӀуащ.


Тхьэм езым и псалъэу фигухэм кърилъхьэр фэ псоми къыжыфӀэ щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыху гуэр е а Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыху гуэр фи зэхуэсым къыхыхьэмэ, фэ псоми къыжыфӀэ псалъэхэм зэхрагъэщӀыкӀынущ гуэныхьыщӀэ цӀыхуу зэрыщытыр, и гум илъри ягъэунэхунущ.


Аращи, ди къуэшхэ, фыкъимыкӀуэту, жьэкӀи тхылъкӀи фэдгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытету гъуэгу захуэм фрикӀуэн хуейщ.


зинэ зыщӀэхэр, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэр, цӀыху зыщэхэр, пцӀы зыупсхэр, щыхьэт нэпцӀхэр икӀи, хэту щытми, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхуу узыщыгугъ хъунухэм темытыр. ЩӀыхьышхуэ зиӀэ а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъэщӀэну зи щӀыхьыр ин Тхьэм си пщэм къыдилъхьащ.


Мы псалъэхэр пэжщ, ахэр ящтэну цӀыху псоми яхуэфащэщ: Гуэныхь зыщӀэхэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкӀуащ. Абыхэм ящыщу япэ итыр сэращ.


фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.


А псалъэхэр пэжщ, ахэр къабыл ящӀыну цӀыху псоми яхуэфащэщ.


Зыгуэрым Ӏуэху пхэнжхэр фигъащӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и псалъэу дызыщыгугъын хуейхэм темытмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум зэрилъыным теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэми темытмэ,


Мэссихь Хьисэ уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ уиӀэу, сэ къыжысӀэу зэхэпха, узыщыгугъ хъуну псалъэхэр иригъуазэ абыхэм уатемыкӀ.


Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ.


Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.


Уэ зэбгъэщӀа, узыщыгугъ Ӏуэхухэм сыт щыгъуи тет, ахэр зэхозыгъэщӀыкӀа цӀыхухэр уощӀэри.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхугъуэхэр цӀыхухэм щамыдэну зэманыр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм я тхьэкӀумэхэм псалъэ дыгъэлхэр ирагъаӀуэурэ, я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр езыгъэщӀэн егъэджакӀуэхэр къагъуэтынущ.


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


Ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхухэм утету цӀыхухэр бгъэӀущын хуейщ.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.


Сэ сыкъэкӀуэжыху, фӀэщхъуныгъэу фиӀэм фытемыкӀ.


ЩӀэх сынэкӀуэжынущ. Фи тажыр зыми къыфӀимыхын щхьэкӀэ, фи фӀэщхъуныгъэм фытемыкӀ.


Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan