Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:7
23 Iomraidhean Croise  

Абыхэм я чэнджащэ сыхыхьэркъым, я зэхуэсым сыхэлажьэркъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр щыгубжькӀэ, цӀыху яукӀ, езыхэм я щхьэзыфӀэфӀыгъэкӀэ зэпаупщӀ танэм и хуэхэр.


– Хэт атӀэ, зэхэщӀыкӀ иӀэрэ, зыщыгугъ хъун унэӀуту тепщэм езым и унэӀутхэм унафэщӀ яхуищӀар, шхын ичэзум къаритын щхьэкӀэ?


– Хэт атӀэ акъылыфӀагъэ иӀэрэ зыщыгугъ хъун унэзехьэу тепщэм езым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм унафэщӀ яхуищӀынур, шхын и чэзум къаритын щхьэкӀэ? – жиӀащ Зиусхьэным.


Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.


Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.


Крит хытӀыгум укъыщӀытезнар Ӏуэху ныкъуэщӀэхэр нэбгъэсын икӀи, сэ унафэ зэрыпхуэсщӀам тету, дэтхэнэ къалэми нэхъыжьхэр члисэ зэхуэсхэм яхуэбгъэувын щхьэкӀэщ.


Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.


Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж.


Мэлыхъуэм и нэӀэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цӀыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэӀэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщӀэмыхъуэпсу, абыхэм фи фӀэщу фахуэлажьэ.


псом хуэмыдэу цӀыхуу зи гуэныхьыщӀэ хьэл-щэныжьым и хъуэпсэныгъэ фӀейхэм зэрашэу, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэзымыпэсхэр. Уафэм тепщэныгъэ щызиӀэхэми пхъашэу, ерыщу хуэшхыдэным щышынэркъым ахэр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan