1 Журту ущытыныр сыткӀэ зэрынэхъыфӀыр? Е сунэт уащӀыным сыт фӀагъыу къыхэкӀыр?
– Мис, сэ солӀэ, сыт къысхуищӀэжынур щыпэлъхум? – жиӀащ Эсау.
Фэ, самарие цӀыхухэм, фызэлъэӀу Тхьэр фщӀэркъым, ауэ дэ дызэлъэӀу Тхьэр дощӀэ, мы дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр журтхэм ящыщщи.
Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.
ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ,
ЦӀыхухэм я гупсысэкӀэм тету сегупсысу щытатэмэ, Ефес къалэм сыщыӀэу, хьэкӀэкхъуэкӀэ хуэдэ цӀыхухэм сащебэным, сыт абы и фӀагъыу къыхэкӀыну щытар? Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжыну щытмэ, «Дывгъашхэ, девгъафэ, сыту жыпӀэмэ пщэдей дылӀэнущ».
Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.