Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:2
27 Iomraidhean Croise  

Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?


УкъыщылъагъуэкӀэ йокӀуэт си бийхэр, я лъэр зэронэ, мэкӀуэдхэ.


Зиусхьэну ди Тхьэм и щӀыхьыр фӀэт, Абы щхьэщэ щыхуэфщӀ и бгы лъапӀэм – лъапӀэщ Зиусхьэну ди Тхьэр!


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.


Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри.


Ауэ а Ӏуэхухэр зылэжьхэр уэ бгъэкъуаншэу щыт пэтми, итӀани абыхэм ящӀам хуэдэ уэри пщӀэмэ, Тхьэм хьэкум къыптримыщӀыхьыну уи гугъэрэ?


Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.


Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэр мызахуэу пӀэрэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Псыхэм я тепщэ мелыӀычым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Уэ, Зиусхьэну щыӀауэ икӀи щыӀэр, узахуэщ икӀи улъапӀэщ, апхуэдэ хьэкумхэр зэрыпщӀам щхьэкӀэ,


ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan