Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:1
20 Iomraidhean Croise  

– Фызэрызэдэгуэшэну щӀыкӀэр нывжесӀэну хэт сызыгъэувар? – жриӀащ Хьисэ.


Пщым абы жриӀащ: «Уэ уи псалъэхэмкӀэ узгъэкъуэншэжынщ, унэӀут бзаджэ. Уэ пщӀэрт сэ сызэрылӀы пхъашэри, сымыгъэтӀылъар къызэрысщтэжри, тезмысар къызэрытесхыжри.


– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.


Мы Ӏуэхухэм теухуауэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэр Тхьэмрэ уэрэ фяку дэлъ ирехъу. Шхын ишхым щхьэкӀэ зызымыгъэкъуэншэжыр гъуэгу махуэ теуващ.


Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ.


Ауэ а Ӏуэхухэр зылэжьхэр уэ бгъэкъуаншэу щыт пэтми, итӀани абыхэм ящӀам хуэдэ уэри пщӀэмэ, Тхьэм хьэкум къыптримыщӀыхьыну уи гугъэрэ?


ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ,


Уэ ухэт, цӀыху, Тхьэм уеныкъуэкъуну? Хьэкъущыкъум ар зыщӀа цӀыхум жриӀэн: «Мыпхуэдэу сыт сыщӀэпщӀар?»


Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


Уэ, фыз, дэнэ щыпщӀэн, уи лӀыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ. Уэ, лӀыми, дэнэ щыпщӀэн, уи фызыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ.


Уэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ цӀыху, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэм сэбэп къызэрыпымыкӀынур къыбгурызгъэӀуэну ухуей?


Си къуэшхэ, ӀейкӀэ фызэхуэмыпсалъэ. Зи къуэш ӀейкӀэ тепсэлъыхьурэ зыгъэкъуаншэр Тхьэм и унафэхэм ӀейкӀэ топсэлъыхь икӀи мызахуэу елъытэ. Ауэ Тхьэм и унафэхэр пфӀэмызахуэмэ, ахэр умыгъэзэщӀауэ, хьэкум ятепщӀыхьауэ мэхъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan