Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:3
34 Iomraidhean Croise  

ЩӀыхьышхуэ зиӀэ и цӀэм лъытэныгъэ хурещӀ игъащӀэкӀэ. Абы и щӀыхьыр щӀыгум дэнэкӀи тез щрехъу. Ӏэмин! Ӏэмин!


Торэт егъэджакӀуэ пашэм зигъэхеину хуеяти, Хьисэ къыжриӀащ: – АтӀэ, хэт сэ си гъунэгъур?


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.


Тхьэм цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэ гъуэгур хъыбарыфӀым къегъэнахуэ. Япэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэсыху а Ӏуэхугъуэр зэщӀа зэрыхъур фӀэщхъуныгъэм и гъуэгукӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».


Ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэмкӀэ сращыхьэтщ, ауэ зэхэщӀыкӀ яӀэу хуэлажьэркъым.


Ешайа бегъымбарми Тхьэм и цӀэкӀэ, гушхуауэ, къыжиӀащ итӀанэ: «Сыкъэзымылъыхъуа цӀыхухэм сыкъагъуэтащ, къысщӀэмыупщӀахэми зезгъэлъэгъуащ».


Сыт-тӀэ? Израил лъэпкъым къалъыхъуар ягъуэтакъым, ауэ Тхьэм къыхиха цӀыху гупым ягъуэтащ. Къэнахэри ерыщ екӀуащ.


Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы,


Абы нэмыщӀу, Тхьэм Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар иджырей зэманым езыр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэн щхьэкӀэщ: Езым щыпкъагъэ зэриӀэри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэри Тхьэм апхуэдэу къегъэлъагъуэ.


Зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэремыдэӀуам къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэд гуэныхьыщӀэ хъуащ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэредэӀуам щхьэкӀи, Тхьэм цӀыху куэдми щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan