Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:9
34 Iomraidhean Croise  

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.


Мэссихь си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мы къыжысӀэнур пэжщ, пцӀы хэлъкъым. Ар зэрыпэжымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм шӀыгъуу сигури щыхьэт къысхуохъу.


Пэжыр жызмыӀэмэ, срекӀуэд. Сыфщысхьын щхьэкӀэщ Коринф къалэм иджыри къэс сыныщӀэмыкӀуар. АбыкӀэ щыхьэт къысхуэхъуну Тхьэм зыхузогъазэ.


Фытлъагъужынуи фи фӀэщхъуныгъэм и щыщӀагъэхэр иридгъэкъужынуи жэщи махуи дигурэ ди псэкӀэ Тхьэм долъэӀу.


Фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ худощӀ, Тхьэм дыщелъэӀукӀи, фи гугъу дощӀ.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


Сыт щыгъуи, фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, си гуапэу солъэӀу,


Тхьэуэ зи бынхэм сащыщу сызыхуэлажьэм и мелыӀычыр ныжэбэ къысхуэхутэри,


Мы Ӏуэху псори къэхъуа нэужь, Паул, Македоние, Ахаие хэкухэм кӀуэцӀрыкӀыу, Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ. – Ерусалим сынэса нэужь, Рим къалэшхуэми сыкӀуэн хуейщ, – жиӀащ.


Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу.


Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэу мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейм пцӀы зэрызмыупсыр ещӀэ.


Ауэ ди адэжьхэм я Тхьэм сыхуэлажьэурэ, мы цӀыхухэм пхэнжу жыхуаӀэ гъуэгум сызэрырикӀуэр пэжщ. Торэт хабзэм ит псомкӀи бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярыт псомкӀи фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ.


Апхуэдэу Петр лъэхъуэщым щӀагъэсащ, члисэ зэхуэсым щыщхэр еш ямыщӀэу Тхьэм хуелъэӀуащ абы апщӀондэху.


Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.


Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.


Тхьэм и Къуэ Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым мыпхуэдэу къыщӀедзэ.


Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, уи гугъу зэпымыууэ сощӀ икӀи си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan