Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:5
24 Iomraidhean Croise  

Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.


Тхьэр езым и цӀэкӀэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм япэщӀыкӀэ зэреплъар Симон зэхыдигъэщӀыкӀащ.


Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.


Тхьэм и нэфӀыр сэ къызэрысщыхуам щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэми жызоӀэ: зыкъыфӀэмыщӀыж икӀи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фӀэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщӀыкӀ уиӀэу зэплъыж.


Тхьэр журтхэм я закъуэ зи Тхьэр, е нэгъуэщӀ лъэпкъхэми я Тхьэуи щыт? НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я Тхьэуи щытщ.


Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.


НэгъуэщӀ цӀыхухэм я дежкӀэ апостолу сыщымытми, фэркӀэ сыапостолщ. Зиусхьэныр фи псэм щыщ зэрыхъуам къыхэкӀкӀэ, сызэрыапостолыр зыгъэпэж мыхъурыр фэращ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.


Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.


И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan