Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 А хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и бегъымбархэм я жьэкӀэ цӀыхухэр игъэгугъащ, и псалъэ тха лъапӀэхэм зэрыхэтым хуэдэу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:2
10 Iomraidhean Croise  

А псор апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу кърилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:


пасэрей зэманым къыщыщӀэдзауэ абы и бегъымбар лъапӀэхэм ягу кърилъхьэу, зэрыжригъэӀауэ щытам тету.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми и гуэныхьхэр Хьисэ и цӀэкӀэ къызэрыхуэгъунумкӀэ бегъымбар псори Хьисэ щыхьэт тохъуэ.


– Мы хъыбарыфӀыр дэ нывжыдоӀэ иджы: Тхьэм Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ ди адэжьхэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къигъэщыпкъэжурэ, дэ, абыхэм къатехъукӀа цӀыхухэм, тхуигъэзэщӀащ.


Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхум сэ сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ хеящӀэм и пащхьэм сыкърашащ иджы.


Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.


Торэт хабзэм и Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къигъэнэхуащ иджы. Торэт хабзэмрэ бегъымбархэм къыжаӀахэмрэ а гъуэгум щыхьэт хуохъу.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan