Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:1
73 Iomraidhean Croise  

ЦӀыхухэр зыумэхъ Иуан лъэхъуэщым щӀадза нэужь, Галилей хэкум кӀуэри, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ:


Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.


Сэ фэ ӀуэхутхьэбзащӀэкӀэ сынывэджэжыркъым, ӀуэхутхьэбзащӀэм езым и тепщэм игу илъыр ищӀэркъыми. Сэ фэ си ныбжьэгъукӀэ сынывэджащ, си Адэм жиӀэу зэхэсха псори вжесӀэжащи.


Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ.


Ауэ Щаулу ПаулкӀи зэджэм и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр хуабжьу хыхьэри, и нэхэр Елимэ триубыдауэ жиӀащ:


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


Дзэпщым хуит къыщищӀым, Паул дэкӀуеипӀэм теувэри, и Ӏэр цӀыхухэм яхуищӀащ. Псори сабыр щыхъум, Паул журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ:


– «КӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Хамэ лъэпкъхэм я деж жыжьэ узгъэкӀуэнущ».


ЩӀым сытеджалэри, макъ гуэрым къызжиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул. Сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?»


Агриппэ Паул жриӀащ абы и ужькӀэ: – Зыбухейуэ упсэлъэну ухуитщ. Паул и Ӏэр къиӀэтри, зиухейуэ жиӀащ:


Псори щӀым дытеджалэри, макъ гуэрым журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр? Выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи зэран зыбогъэкӀыж».


Тхьэуэ зи бынхэм сащыщу сызыхуэлажьэм и мелыӀычыр ныжэбэ къысхуэхутэри,


Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым сытеукӀытыхьыркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр аращ Тхьэм и лъэкӀыныгъэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къезыгъэлыр – япэщӀыкӀэ журтыр, итӀанэ мыжуртыр.


Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.


Иджы фэ, хамэ лъэпкъхэм, вжызоӀэ: Фэ, хамэ лъэпкъхэм, фи апостол сызэрыхъуам щхьэкӀэ си Ӏуэхур согъэлъапӀэ.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ.


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуну сыкъыхуриджащ. Ди къуэш Сосфенес си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ сыапостолкъэ? Сэ сыщхьэхуиткъэ? Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь слъэгъуакъэ? Зиусхьэным хуэсщӀа Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуар фэракъэ?


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.


Ауэ а апостол ину жыхуэфӀэхэм нэхърэ зыкӀи нэхъ цӀыкӀуу зыслъытэжыркъым.


И пщӀэр къыфӀызмыхыу, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэсӀуатэурэ, фызгъэинын щхьэкӀэ, зызэрызгъэлъахъшэмкӀэ емыкӀу сщӀа?


ЗэхэщӀыкӀ зимыӀэм хуэдэу сывэпсэлъащ, апхуэдэу сыпсэлъэну фэращ сезыхулӀар. Фэрат къысщытхъун хуеяр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ пщӀэ симыӀэми, а апостол ину жыхуэфӀэхэм нэхърэ зыкӀи сынэхъ цӀыкӀукъым.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми,


ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ.


Сэ сыапостол Паулщ. Апостол сыхъуну сыкъыхэзыхар цӀыхухэракъым, цӀыху гуэрми сыкъигъэкӀуакъым, сыкъыхэзыхар Хьисэ Мэссихьрэ ар лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэщ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Фэ, Ефес къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, абы хуэпэжхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.


Фэ фи псэми Мэссихь щыщ хъуащ. Мэссихь фи псэм щыщ щыхъуар щыпкъагъэм теухуа хъыбару, фымыкӀуэду фыкъезыгъэл хъыбарыфӀыр щызэхэфхам щыгъуэщ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу дыкъызэригъэгугъар мыхъурым хуэдэу фи гум кърилъхьащ.


Мэссихь цӀыхухэм тыгъэхэр зэраритар мыращ: цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ, нэгъуэщӀхэри бегъымбару игъэуващ, адрейхэми езым теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну игъэуващ, итӀанэ нэгъуэщӀ гуэрхэри дин пашэу икӀи дин егъэджакӀуэу игъэуващ.


Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.


бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу,


Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум тету, Тхьэм и хъыбарыфӀыр нэсауэ фэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсхэм сахуолажьэ.


Фэ зэрыфщӀэщи, Филиппи къалэм дыщыщыӀам, цӀыхухэм гугъуехь куэд дагъэшэчу, къытхуэхъущӀэу, фи деж цӀыху куэд къыщытпэуву щытами, Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтащ.


АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуати, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтэн къудейр аркъым дызыхуеяр, атӀэ ди псэр фхуэттынуи дыхуеящ. АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуащ.


Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.


Сэ сы-Паулщ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу дызыщыгугъымрэ я унафэкӀэ Мэссихь и апостол сыхъуащ.


Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу.


А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну, абы и апостол сыхъуну, хамэ лъэпкъхэм ар езгъэщӀэну Тхьэм сыкъигъэуващ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьыр зыми зыхуигъэфэщэжьыфынукъым. ЦӀыхур дин пашэшхуэ хъуну Тхьэм къыхуриджэн хуейщ, абы Хьэрун къызэрыриджам хуэдэу.


Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.


Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.


Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.


Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ.


МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ пэжщ. Бегъымбар лъапӀэхэм я Зиусхьэну Тхьэм, куэд мыщӀэу къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр езым хуэӀурыщӀэ цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ, и мелыӀычыр къигъэкӀуащ.


Апхуэдэу умыщӀэ, – къызжиӀащ абы. – Уэрэ уи къуэш бегъымбархэмрэ, мы тхылъым итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху псори срагъусэу, сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan