Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:6
45 Iomraidhean Croise  

сыту жыпӀэмэ удэӀэпыкъуэгъущ Уэ сэркӀэ, уи дамэ щӀагъым я жьаум гуфӀэгъуэ уэрэд щыжызоӀэ.


ХеящӀэм и пащхьэм фыщрашэкӀэ, «Сыт жытӀэну?» е «Дауэ жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ; жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абдеж дыдэм фи гум къыщрилъхьэнущи.


НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.


Аращи, пщэдейрей махуэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. Пщэдей къакӀуэр езым и щхьэм щхьэкӀэ гузэвэжынущ, дэтхэнэ махуэми езыр зытегузэвыхьын хурикъуу иӀэжщи.


Аращи, абыхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀэ; фэ фелъэӀун и пэкӀэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ещӀэри.


– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.


– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ.


Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.


Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.


Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?


Тхьэм и бынхэм ящыщ ухъуну уэ укъыщыхуриджэм пщылӀу ущытамэ, абы уримыгумэщӀ. Ауэ щхьэхуит ухъуну Ӏэмал уиӀэмэ, и пӀалъэр блумыгъэкӀ.


Гузэвэгъуэ фимыӀэну сыхуейщ. Къэзымышам и нэӀэ Зиусхьэным и Ӏуэхугъуэхэм ятрегъэт – Зиусхьэным игу зэрырихьыным хущӀокъу.


Апхуэдэу, цӀыху куэдыр Тхьэм тхуелъэӀунурэ, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэнущ, абы и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀи цӀыху куэдым ди цӀэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀынущ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ Ӏуэху псом щхьэкӀи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм зэпымыууэ щӀыхь хуэфщӀ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


Мэссихь къывит гузэгъэгъуэм фи гум тепщэныгъэ щрыреӀэ. Зы пкъым фыхуэдэу а гузэгъэгъуэр фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Абы фӀыщӀэ хуэфщӀ.


Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.


Тхьэм зэпымыуэ фелъэӀу. Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, фымыжейуэ фысакъ, Тхьэм и фӀыщӀи фщӀы.


Псом япэу сыныволъэӀу, цӀыху псоми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу, дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, фӀыгъуэ яригъэгъуэтыну фелъэӀу. Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ.


Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу.


Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.


Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan