ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр3 Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ. Faic an caibideil |
Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.