Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм фӀэхъус схуефхыж. Си гъусэ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:21
11 Iomraidhean Croise  

Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?


Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.


Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.


Титу си гъусар алыдж лъэпкъым щыщ пэтми, сунэт заригъэщӀын хуейуэ абыхэм хагъэзыхьакъым.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Фэ, Ефес къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, абы хуэпэжхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.


Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan