2 Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Еводие Синтихие цӀыхубзхэм зы гупсысэкӀэ яӀэ хъуну солъэӀу.
Арати, иригъэжьэжащ Исуф и къуэшхэр. ЯжриӀащ абыхэм: – Фыщызэщымыхьэ гъуэгум.
– Шыгъур фӀыщ, атӀэ шыгъум и гуащӀэр хэкӀмэ, абы ар дауэ зэрыхэфлъхьэжынур? Шыгъум и гуащӀэр зивгъыӀэ, фызэгурыӀуэу фызэдэпсэу.
Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.
Ауэ дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икӀи абы тету дыпсэун хуейщ.
Абыхэм ялэжь Ӏуэхум щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ яхуэфщӀ икӀи фӀыуэ флъагъу. ФызэгурыӀуэ.
ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.