Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Мэссихь Хьисэ фи гум хэлъщи, щӀыхьышхуэ зиӀэ и къулеигъэшхуэм хуэфащэу си Тхьэм фызыхуэныкъуэ псори къывитынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:19
44 Iomraidhean Croise  

АдэкӀэ и нэфӀ Исуф къыщигъэхуащ Израил, мыр жиӀэри: – Си адэхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ зи пащхьэ щыпсэугъа Тхьэм, дунейм сызэрытетрэ – нобэр къыздэсым зи нэӀэ къыстет Тхьэм,


Тхьэм Езым и цӀыху лъэпкъыр лъэщ дыдэу игъэбэгъуащ, и бийхэм нэхърэ нэхъ гуащӀэшхуэ яхэлъ ищӀащ.


Губжьыным зыщыдзей, зызыщӀумыгъаплъэ, абы къыхэкӀыр фӀыкъым.


ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?


– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».


Хьисэ Фомэ къыжриӀащ: – Уи Ӏэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Ӏэхэми къеплъ. Уи Ӏэри къэший, си джабэм къытелъхьэ. Шэч къытомыхьэ, фӀэщхъуныгъэ зигъэӀэ.


Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ,


Сыту ин Тхьэм и фӀыгъуэшхуэр, и акъылъыфӀагъэшхуэр, и щӀэныгъэшхуэр! И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми лъэкӀынукъым. И Ӏуэхухэми я ужь ихьэн зыми лъэкӀынукъым.


Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?


Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым.


Тхьэр абыхэм щӀащысхьар гущӀэгъу зыхуищӀ цӀыхухэу щӀыхьышхуэ зиӀэ хъуну игъэпсахэм езым и щӀыхьышхуэм и инагъыр яригъэщӀэну арщ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.


Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.


Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,


Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ.


Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.


Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.


Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, уи гугъу зэпымыууэ сощӀ икӀи си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.


Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:


НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan