Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Ар щӀыжысӀэр фи тыгъэм сыщӀэхъуэпсу аракъым, фи тыгъэм къыпэкӀуэу фӀы зэрывгъуэтынур арщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:17
26 Iomraidhean Croise  

Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


ЦӀыхухэм си Адэм щӀыхьышхуэ зэрыхуевгъэщӀынур фэ куэду фӀыгъуэ къызэрыфпыкӀыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикӀуэр.


А Ӏуэхур згъэзащӀэу, ахъшэ зэхадзар Ерусалим дэсхэм яӀэщӀэслъхьа нэужь, фи деж сыныдыхьэнурэ, итӀанэ Испанием сыкӀуэнущ.


Аргуэру жызоӀэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэм сыхуэдэу зыми иремылъытэ. Ауэ апхуэдэу сыфлъытэмэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэм фызэрыхущытым хуэдэу, фыкъысхущыт, тӀэкӀу сызыщытхъужын слъэкӀын щхьэкӀэ.


Аращи, къуэшхэр сэ сяпэ фи деж накӀуэу, дыкъызэрывгъэгугъа тыгъэр и пӀалъэм къызэрывгъэхьэзырыным кӀэлъыплъыну селъэӀун хуейуэ къэслъытащ. Хэгъэзыхь тыгъэу щымыту, фи гум къыбгъэдэкӀ тыгъэ хъунщ ар итӀанэ.


Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.


Сызыхуэныкъуэ гуэр щыӀэу аракъым ар щӀыжысӀэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыт къысщыщӀми, сигу сыарызыуэ зезгъэсащ.


ГъафӀэбзэ нэпцӀкӀэ дызэрыфхущымытар фощӀэ, фи фӀагъ зэдгъэкӀыну гъэпщкӀуауэ муради диӀакъым. АбыкӀэ Тхьэр ди щыхьэтщ.


Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.


Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.


Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.


Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.


Мэлыхъуэм и нэӀэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цӀыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэӀэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщӀэмыхъуэпсу, абыхэм фи фӀэщу фахуэлажьэ.


Гъуэгу захуэм текӀри, гъуэщащ ахэр. Босор и къуэу Билеам зи цӀэм и гъуэгум техьащ. Ахъшэ къыхэхъуэн щхьэкӀэ, бзаджагъэ ищӀэну зыфӀэфӀар аращ.


Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.


Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan