Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Сызыхуэныкъуэ гуэр щыӀэу аракъым ар щӀыжысӀэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыт къысщыщӀми, сигу сыарызыуэ зезгъэсащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:11
13 Iomraidhean Croise  

Екъуб тхьэлъанэ ищӀащ: – Тхьэр си гъусэмэ, сэ сызытет гъуэгум сыкъыщихъумэмэ, сшхыну щӀакхъуэрэ щыстӀэгъэну щыгъынрэ къызитмэ,


– Дэри сыт тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ зауэлӀхэри Иуан. – Зыми и ахъшэ лъэщыгъэкӀэ къытевмых, зыми пцӀы тевмылъхьэ, лэжьапщӀэу къыват ахъшэмкӀэ арэзы фыхъу, – яжриӀащ абыхэм.


Куэду сызэрылэжьам сригъэшащ, сымыжейуэ жэщ куэд згъэкӀуащ; сымэжэлӀащ, псыи сыхуэлӀащ, шхын щызмыгъуэт куэдрэ къысхуихуащ; дунейр щыщӀыӀэми, ирикъуну зыщыстӀэгъэн симыӀэу сыщытащ.


дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.


Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ.


Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун


Лъэхъуэщым щӀэсхэм гугъуехь ядэфшэчырт. ЦӀыхухэм фи мылъкур зэрыфтрахар фигуапэу къабыл фщӀащ, абы нэхърэ нэхъ мылъкуфӀу мыкӀуэдыжынур уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэрти.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan