Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Тхьэ гъэлъэпӀэным си фӀэщу сыхэту, члисэ зэхуэсым щыщхэм гугъуехь езгъэшэчащ. Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэурэ, абы и гъуэгукӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъуну щытмэ, зыми сызэригъэкъуэншэн лъэпкъ збгъэдэлъакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:6
25 Iomraidhean Croise  

– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, ауэ я кӀуэцӀым нэпсеягъэмрэ зымышыӀэныгъэмрэ изщ.


Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.


Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.


Ар зэрыпэжымкӀэ дин пашэшхуэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори щыхьэт къысхуэхъуфынущ. Абыхэм Дамаск дэс журт къуэшхэм тхылъхэр хуатхри къызатащ. ИтӀанэ Дамаск сыкӀуэну гъуэгу сытетт, а гъуэгум ирикӀуэхэм Ӏэхъулъэхъу ярылъу Ерусалим къезгъашэу ди пашэхэм абыхэм тезыр ятрезгъэлъхьэн щхьэкӀэ.


Абыхэм сыкъызэрацӀыхурэ куэд щӀащ. Диным и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупхэм ящыщу, диныр нэхъ ткӀийуэ зезыхьэу фарисей гупкӀэ зэджэм я гъуэгум срикӀуэу зэрыщытамкӀэ ахэр хуейуэ щытмэ, щыхьэт къысхуэхъун ялъэкӀынущ.


Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.


Зэгуэрым Торэт хабзэр сымыщӀэу сыпсэуащ. Ауэ Тхьэм и унафэр къыщыкӀуэм, гуэныхьым къару иӀэ хъури,


Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апостолхэм ящыщу нэхъ цӀыкӀур сэращ, апостол къызжаӀэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкӀыу щытащ.


къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.


икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


Сэ ар згъэпцӀу, абы и цӀыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икӀи абы сыхущӀэджэу щыта пэтми, гущӀэгъу къысхуищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ симыӀэу, злэжьу щыта Ӏуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыӀуэу сыпсэуэ щытати.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan